Шрифт:
ДУНЕЙХЭМ Я Щ?ЭПЛЪЫП?ЭМ
Дыщысабийм ди ф?эщ хъурт мэгъу, уд, шейт?ан, алмэстыхэр зэрыщы?эр. Ахэр зыхэт таурыхъхэр дызыхалъхуа дунейм имыхамэут дызэреплъыр, сыту жып?эмэ, абы щызек?уэри дэ дызыщыгъуазэ щытык?эхэрат: ныбжьэ гъуф?хэр, ныбжьэгъупц?хэр, гузыхэщ?э зэмыщхьхэр, адэ-анэ, анэкъилъху лъагъуныгъэ, хэти яку къыдэхъуэфыну гурыщхъуэ, къабзагъэм къыхэк?а сабий зэхэщ?ык?… Ц?ыхур нэхъ балигъ хъуху «псэуныгъэк?э» дызэджэм зэщ?ещтэри, гупсысэмрэ зыхэщ?эныгъэмрэ къриубыдэжыр «тшхын, тщ?эн дгъуэту дыпсэун» папщ?э дызыхуейращ. Ауэ сыту ф?ы а сабиигъуэм къыхэдна «щэхухэм» я щхьэтепхъуэр тезых тхак?уэ къыкъуэк?ыу, тхылъ напэк?уэц?хэм деж нэхъ мыхъуми, ди?а ф?эщхъуныгъэхэм дыщыхишэжыр… Апхуэдэщ Къаныкъуэ Заринэ и «?уащхьэмахуэ, Махуэгъэпс» романыр. Къыпхуэмы?уэтэнумрэ дызэсэжамрэ зэригъэзэгъащ – магиемрэ реализмымрэ. Щы?эр, къэхъуагъэхэр щы?эн хуейм ирешал?эри пещ?э, блэк?амрэ иджыреймрэ зэхуегъазэ, л?ахэмрэ псэухэмрэ зэ?уегъащ?э, акъылым къыхуэмыубыдыж щэхумрэ махуэ къэс гъащ?эм дыщызэсэжамрэ зы сурэту зэхеухуэнэж, уеблэмэ зэхегъэшыпсыхьыж.
Къаныкъуэ Заринэ и л?ыхъужьхэр дунеит?ми щопсэу: зэрынэрылъагъум папщ?э пэжу ди ф?эщ хъумрэ дызэрыщымыгъуазэм папщ?э мэгъугъэм хэдбжэмрэ. Дунеит?ри я гъащ?эм щызэхэтщ, зыр адрейм хэбла-хэухуэнауэ, зым и лъабжьэр адрейм щыхэщ?ауэ. Ди нэгу щ?ок? дунеит?ым я зэпылъып?эм л?ыхъужьхэр мызэ-мыт?эу къызэрыщыхутэр, адрей дунейм и лъабжьэр абыхэм я гъащ?эм куууэ зэрыхэк?ар: Улэ уд зэхуэсым мак?уэ, езыр зыхэпщ?а гуащ?э ф?ыц?эм и пхъур щихъумэну хуейщи, ягуро?уэ, езым зарет; Майе ц?ыхум ямыц?ыху гуащ?э щызек?уэ бгъуэнщ?агъым мак?уэ, блыным к?уэц?рок?ри къегъэзэж, абы кърик?уахэм дихьэхауэ зыщигъэгъуэзэнущ щ?эджык?ак?уэм; ?эдэм хузэф?ок? адрей дунейм и щ?эплъып?эм нэсыну, абы хэбэкъуэну, и к?эм нэс къемыхъул?ами; алмэсты къэзылъыхъуэу Мэзкуу къик?а урыс ц?ыхубзми и нэгу щ?эк?хэри махуэ къэс гъащ?эм дызыщримыхьэл?эщ. А псом егъэлеярэ ф?эщхъугъуейрэ хэмыт хуэдэущ авторыр зэрыхущытыр, щ?эджык?ак?уэри апхуэдэу зэтреублэ: мэгъугъэ зэрыхэтыракъым дгъэщ?эгъуэн хуейр, ар щ?ыхэтымрэ щ?агъыбзэ щ?элъымрэщ. Апхуэдэущ тхак?уэм къызэрехъул?эр жылэ зэхэтык?эм, ц?ыху къэс и щы?эк?эм, лъэпкъхэм я къэгъуэгурык?уэк?эм я ныбзхэр къигъэлъэгъуэныр.
Къаныкъуэм и романыр нэхъ зыхиубыдэнур 2000 гъэхэм къыхагъэщхьэхук?а метамодерн унэт?ыныгъэр арагъэнущ. Къэралыр зытета гъуэгур ц?ыхум зыхащ?эу щигъуэжа лъэхъэнэм пэжыгъэ къэлъыхъуэныр, ц?ыху къэс и щхьэпагъыр, лейуэ дунейм зэрытемытыр зыхищ?эныр, ауэ жылагъуэм зыпимыгъэувыныр щытык?э нэхъыщхьэ зэрыхъуар а ф?эщыгъэмк?э къэгъэлъэгъуа хъуат. А лъэхъэнэм къыдэуша гупсысэхэр армырауэ п?эрэ жызо?э романым и купщ?эри и зэхэлъык?эри къызыдэк?уар: дызытет дунейр хьэлъэ хъуащ, ц?ыхур зэса щы?эк?эр къутащ, здигъэзэнур зыми къригъэлъагъукъыми, и щхьэри и псэри ф?ок?уэд, ауэ гугъэр к?уэдын хуейкъым; дунейм щызок?уэ нэхугъэ къызыпих гуащ?э гуэрхэр, пэжым тетхэм, ф?ы зи гурылъхэм дэ?эпыкъуу. Нэм илъагъу закъуэмрэ къупхъэ пыухык?ам итын хуейуэ ягъэса ц?ыхум и къэухь зэпэзэвымрэ ф?эк?а щымы?эу щыткъым, щы?эщ дуней зэмыщхь, зэпыхьэп?э я?эрэ зым уик?ыу адрейм утехьэ хъууэ, а «адрейм» ?ущагъ, щ?эныгъэ къыщыбгъуэтыфу. Зы дунейм зыщихъуэжым, къалъыхъуэ адрейр.
Ат?э гупсысэк?эк?и лъэк?ыныгъэк?и зэмыщхь ц?ыху ц?ык?ур зытек?ута дунейр сыт хуэдэу дигъэлъагъурэ Къаныкъуэ Заринэ? Романым дащыхуозэ лъэхъэнэжьым и к?эух зэхэзэрыхьам хэпсэук? ц?ыху къызэрыгуэк?хэм, унафэ т?эк?у зы?эщ?элъхэм, къуажэхэм я теплъэм гу лъыдегъатэ, къалащхьэми дыщегъэгъуазэ. Абы къыхохьэ мэгъугъэр, адрей къэхъу псоми къыдэк?уэ хуэдэу, ауэ псоми гу зылъамытэу, я нэк?э ямылъагъуу. Авторыр хущ?экъуркъым а мэгъугъэмк?э и романыр топышэ къэуа ищ?ыну: къыгуро?уэ къару зэмыщхьхэр щызэблэк? дуней зэмыщхь зэрыщы?эр. Сюжетым сыт хуэдэу зимыгъазэми, тхак?уэм и къэ?уэтэк?эр зэрызэхэщ?ык?ыгъуэщ, зэрымамырщ. Къыжы?эпхъэщ мэгъугъэк?э узэджэну романым дызыщрихьэл?эр ?уэры?уатэу лъэпкъым къыдэгъуэгурык?уэу зэрыщытыр: джэду зызыщ?ыф уд фыз, уд зэхуэс, пэшэгъу, алмэсты… Абы къыщ?ыгъуащ щ?эныгъэм пыщ?ахэм я дунейлъагъук?э: хэти здэмык?уэфын дуней телъыджэ щы?эщ, ц?ыхур жэнэтк?э зэджэм хуэдэу, ауэ ар къэзыгъуэтыфынур гурэ псэк?э къабзэрщ, зи щ?эныгъэр абы нэсаращ. А щ?ып?эр куэдым зэрахъуэпсап?эр къыхощ Хэку зауэшхуэм щыгъуэ ?уащхьэмахуэ лъапэ нэмыцэхэм щрагъэк?уэк?а къэхутэныгъэу романым къыхэщыжым. А дунейм и щ?ыхьэбжэр фашистхэм къахутэныр пц?ыт, сыту жып?эмэ, хъыбархэм къызэрыхэщымк?э, зи гур ек?э гъэнщ?ахэм, лъы зыгъажэхэм ар зэи яхузэ?ук?ынутэкъым. Романым урешал?э гупсысэ пыухык?ам: узыхущ?экъур къохъул?эн папщ?э уи гупсысэк?и ?уэху блэжьи къабзэу, пэжым утету, узыхущ?экъур ц?ыхум я щхьэпагъ зыхэлъу щытын хуейщ. Щ?ы хъурейм щытепщэну хущ?экъу, абы щхьэк?э адрей дунейм щызек?уэ гуащ?эр къэзыгъэсэбэпыну зи гуращэм ар къехъул?энутэкъым.
Романым и л?ыхъужьхэм ящыщу нэхъ удэзымыхьэхщ Пагуэ. Нэщхъыцэу, гуф?эк?э имыщ?эу, щхьэпагъышхуи къыпымык?ыу, ф?ыщэу къэзылъагъуи и хъуреягъым щымы?эу долъагъу. Пагуэ мэлажьэ, и лэжьыгъэм мылъку лей къыхихыну, абык?э
Уи гур щабэ хуещ? Пагуэ и адэ зауэм хэк?уэдам фэеплъ сын хуигъэувыну ?уэху къызэрырихуэк?ым. Ауэ лъэк?ыркъым, хуэгъэзащ?эркъым. Езы романым къыхэщ гупсысэр армырауэ п?эрэ апхуэдэу щ?эхъур: гуауэу к?уэдащ Нэсрэн, л?ыгъэ хэлъащ, къэдзыхакъым, бийр зыхуей хуэхъуакъым, ауэ апхуэдэ ?энат?э ?утахэр куэд мэхъу. Нэсрэн и закъуэ хэбгъэф?ык?ыныр къемызэгъщ, дауэ апхуэдэ пщ?э къимылэжьми. Къехъул?эну хъунт, щхьэхуещагъэ химылъхьэу, зы химыубыдык?ыу, къуажэм щыщу зауэм хэк?уэда псоми я ц?эр ихъумэну хэтамэ. Зыщ?эгупсысыжыну, къигъэщ?амрэ къилэжьамрэ зэпилъытыжыну щытык?э ихуащ ар – ягъэт?ысащ. Лъэхъуэщым къик?ыжа Пагуэ ук?элъыплъынри гъэщ?эгъуэнщ: сыт и лъэныкъуэк?э зихъуэжа и хьэл-щэным, дэнэк?э зигъэза и гъащ?э гъуэгум, сытк?э гъэнщ?а хъуа и гур, и псэр… Псэуныгъэ зэпэщми насыпми хуэныкъуэр нэхъыбэт а лъэхъэнэм.
Сытым дежи щ?эджык?ак?уэм и нэ?э темык?ыу, адэк?э къэхъунум пэплъэу зык?элъызеплъэр Пагуэрэ Улэрэ япхъу закъуэ Майещ. Сабий псоми зэремыщхьыр унагъуэм я гуныкъуэгъуэурэ къэжэпхъащ Майе. Псэлъэгъуейт, зыгуэр щыжи?эми, ?уэхум щымыщ хуэдэут къазэрыщыхъур. Ауэ и щытык?эм уригъэгупсысырт хъыджэбз ц?ык?ум зыми имыгугъа гуэр къылъыкъуэк?ыну. Апхуэдэ гугъэм и къежьап?эр иджыри сабийуэ Техутэ жри?э псалъэхэрщ: «Умыгузавэ, уи анэшхуэр щ?эх л?энукъым». Пасэу зеиншэ хъуа Техутэ и анэшхуэм тегужьеик?ат, ар л?эмэ, сэ дауэ сыхъуну, жи?эу егупсысырейт. Пагуэ и адэ Нэсрэн фэеплъ хуигъэувыну хуейуэ ?уэхум къегъэзахэм захуигъазэу, я арэзыныгъэ къилъыхъуэу къыщык?элъик?ухьым ирихьэл?эу Майещ зауэм хэк?уэда сэлэтхэм я хьэдэ къупщхьэхэр къэзыгъуэтар. «Плъагъурэ, я ц?эр яхъумэн къэгъэнауэ, я щ?ы ?ыхьэ ирамыгъэгъуэтыжауэ щы?эр зыхуэдизыр?» – жи?э хуэдэт. Дунейхэм я зэпылъып?эр, «щ?эплъып?эр» къэзылъыхъуэ ?эдэм дэ?эпыкъуэгъу хуэхъур Майещ. Къыгуро?уэ: ?эдэм а къилъыхъуэр къигъуэтамэ, гъащ?эр нэхъ дахэ, нэхъ купщ?аф?э хъунут, нэхугъэр щ?ым тез хъунут. Упщ?эхэм я упщ?эж жыхуа?эм хуэдэр зэпхар ?эдэмщ: апхуэдизу шэщ?ауэ и гуращэм телэжьа щ?алэр абы щ?ылъэмы?эсар, «щ?ыблэбэкъук?ар» сыт? Гъащ?эм философие лъэныкъуэк?э уезыгъэгупсысынщ ?эдэм епха сюжет унэт?ыныгъэр.
Щ?эныгъэр лъап?эныгъэу зэрыщытыр мы романым къыщы?эта проблемэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ ик?и л?ыхъужьу хэтым я гъащ?эр хъуами мыхъуами, щхьэусыгъуэр щ?эныгъэм ешэл?эжащ. Щапхъэу къэтхьынщи, Майе тхылъ хъумап?эр лэжьап?э щ?ыхуэхъур щ?эныгъэщ?эхъуэпсщи, аращ. Езым щхьэщыт нэхугъэр къызыхэк?ри зэрыдахэщ?эхъуэпсырщ. Псалъэшхуэ жи?эркъым, утыкуак?уэкъым, ауэ и унагъуэми, и лэжьап?эми, и хъуреягъым зэрахущытк?и щхьэхуещагъэ жыхуа?эм хуэхейуэщ. А псом къыдок?уэ щэху гуэрхэм пыщ?а щ?эныгъэ зрипэсахэм Майе зэрахэтыр.
Щ?эныгъэр ходэ, хэти к?эрыпщ?эркъым, хэти къехъул?эркъым. Техутэ къехъул?энут сурэтыщ? ?эзэ хъуныр, ерыщу бгъэдэтамэ, хъуапсэр къытек?уамэ. Щхьэусыгъуэ лъыхъуащ, еджап?эм имыгъэзэжын папщ?э. Абдеж щежьэри, и гъащ?эр зэпэныкъуэу ек?уэк?ащ: щ?эныгъэ ныкъуэ, лэжьап?э ныкъуэ, насып ныкъуэ. Техутэ и гъащ?эм купщ?э хэзылъхьэжар, зэрымыщ?эк?э къыщыжак?уэ хъуну ежьэу, лъэпкъым дежк?э лъэк?ыныгъэ и?эну зыщыгугъ Нэсрэн дуней мамырым къызэрытринар аращ. Техутэ сабийуэ игъэжа ят?агъуэш къомыр жэщ уэлбанэ бзаджэм зэхигъэшыпсыхьыжауэ нэху къыщек?ам, а щ?алэр «псэук?э зыщ?эхэм» зэрыхимыубыдэнум гу лъыдигъатэ хуэдэт. И дэтхэнэ лъэбакъуэри къыгуро?уэж, и щыуагъэхэмк?и зыщымысхьыжу зыкъеумысыж, зегъэкъуэншэж, ауэ абы щхьэк?э къехъул?эр нэхъыбэ хъуркъым, гъащ?эм здригъабэмк?э ебэурэ къогъуэгурык?уэ. ?эдэм гъусэ хуэхъуа нэужьщ Техутэ и гупсысэм зыщиубгъур, къыгуры?уэр нэхъыбэ щыхъур. Романым еджэм гузэгъэгъуэ хуэхъуну п?эрэ Техутэ щхьэ бжыгъэу дунейм зэрытемытар ?упщ? зыщ? ?уэхугъуэхэм щыгъуэза нэужь?
Персонаж гъэщ?эгъуэнщ Улэ. И теплъэк?и и хьэл-щэнк?и удэзыхьэхыу къыхохьэ романым, ауэ къэзылъхуа анэм деж щегъэжьауэ щхьэгъусэ хуэхъуам деж щиухыжу, псори Улэ хуэмык?уэ хуэдэщ, имыгуэгъущ. Ц?ыхубзыр еджагъэшхуэкъым, зригъэпщэн хуэдэу щы?эк?э зэщымыщхэми щыгъуазэкъым, ауэ и гум зыгуэр къелъыхъуэри, ар игъуэтыркъым, а имыгъуэт езыри зыщымыгъуазэр къы?эрыхьауэ къилъытагъэнут псори къызэринэк?ыу урыс щ?эныгъэл?ым и гъусэу щежьэжам. Здэк?уам щызэгъащ, хэзэгъащ, и дуней ?ыхьэ иубыдыжащ. Ипхъу закъуэр дауэ къигъэна, дауэ игу пык?а? Абы и жэуапри игъуэтынущ щ?эджык?ак?уэм. Улэ дежк?э Мэзкуу к?уэуэ гунэс зыщыхъуа ц?ыхум дэпсэуныр, щ?эныгъэк?э, къэухьк?э абы зыдиужьыныр «щ?эк?ып?эт», «щ?эпщып?эт», дунеит?ым я зэпылъып?эт. Къигъуэтащ, къехъул?ащ.